21 Хьисэ абыхэм яжриӀащ аргуэру: – Сэ сыфхэкӀыжынущ, фэри сыкъэфлъыхъуэнущ, ауэ фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ. Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым.
Фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ сыкъэвгъуэтынукъым, сэ сыздэщыӀэми фэ фыкӀуэфынукъым.
«Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.
– Си бынхэ, куэдрэ сывигъусэжынукъым. Фэ фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ «СыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» жысӀэу журтхэм зэражесӀам хуэдэу, фэри вжызоӀэ иджы.
Фи бзаджагъэмрэ фи гуэныхьхэмрэ къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу фыщытащ.
– Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым.
Езыр зэрылӀэну щӀыкӀэр абыхэм ягуригъэӀуэн щхьэкӀэщ Хьисэ а псалъэхэр щӀыжиӀар.
– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.
– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.
Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху, сыкъэфлъагъужынукъым.
«Фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ сыкъэвгъуэтынукъым, сэ сыздэщыӀэми фыкӀуэфынукъым» жыхуиӀам сыту пӀэрэ абы къригъэкӀыр?