Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 8:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 ИтӀанэ къеупщӀащ: – Дэнэ щыӀэ уи Адэр? – Сэри си Адэри фэ дыкъэфцӀыхуркъым, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Сэ сыкъэфцӀыхуу щытатэмэ, си Адэри фцӀыхунт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 8:19
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.


ЕкӀугъэм фытету зыкъэфщӀэж. Гуэныхь лэжьыным и ужь фикӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зымыщӀэ цӀыху гуэрхэр къыфхэтщ. ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, жызоӀэ ар.


Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ итӀанэ: – Сэ фэ сыфцӀыхурэ, сызыщыщри фщӀэрэ? Мыбдеж сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуам игу щыпкъагъэ илъщ. Ар фэ фцӀыхуркъым,


А Псалъэр дунейм къытехьащ. Тхьэм а Псалъэм дуней псори къригъэгъэщӀащ, апхуэдэу щыт пэтми, дунейм и цӀыхухэм ар къацӀыхужакъым.


И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


Ауэ иджы Тхьэр фщӀэ хъуауэ, е Тхьэм фыкъищӀауэ жысӀэмэ, нэхъыфӀкъэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэ а еплъыкӀэ мыхьэнэншэхэм захуэвгъэзэжыну фыщӀыхуейр сыт? Абыхэм аргуэру пщылӀ фахуэхъужыну фыхуей?


ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.


Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Мэссихь цӀыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иӀэщ. Аращ Тхьэм къигъэщӀа псоми я щыгум итэу, и КъуэкӀэ зэджэр.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.


Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.


Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ