18 Сэр-сэру щыхьэт сызытохъуэж, сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэри щыхьэт къыстохъуэ.
– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Си Адэм деж щыслъэгъуа Ӏуэхухэращ сэ жысӀэр, ауэ фэ фи адэм деж щыфлъэгъуа Ӏуэхухэращ влэжьыр.
Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀи, Ӏуэху телъыджэхэмкӀи, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ зэмылӀэужьыгъуэ ӀуэхушхуэхэмкӀи а хъыбарыфӀым щыхьэт техъуащ Тхьэр. Абы нэмыщӀ, Тхьэр зэрыхуеям тету, езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэхэр ялэжьыну цӀыхухэм лъэкӀыныгъэхэр къаритащ.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот.
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. МэлыхъуэфӀым и псэр мэлхэм папщӀэ ет.
Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ.
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэр зыгъэзащӀэм лӀэныгъэр игъащӀэкӀэ илъагъунукъым.
– Хэт ущыщ атӀэ уэ? – къеупщӀащ ахэр. – Япэм щыщӀэдзауэ сэ хэт сыщыщми зэрывжесӀам сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Хьисэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ: – Дунейм и нэхур сэращ. Сэ си ужь къиувэр кӀыфӀыгъэм хэтынукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур игъуэтынущ.
Адэ лъапӀэмрэ сэрэ дызщ.
– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ;