10 Хьисэ зыкъиӀэтыжри, цӀыхубзым фӀэкӀ зыри щымыту щилъагъум, абы жриӀащ: – ЦӀыхубз, дэнэ щыӀэ узыгъэкъуэншахэр? Зыми уигъэкъуэншэжыркъэ иджы?
Зэпымыууэ къеупщӀ щыхъум, Хьисэ зыкъиӀэтыжри, яжриӀащ: – Фэ фщыщу гуэныхь зимыӀэр япэ иреуэ цӀыхубзым мывэкӀэ.
Ар щызэхахым, ягукӀэ загъэкъуаншэурэ, я нэхъыжьхэр япэ иту, зыр зым и ужь иту, псори ӀукӀыжащ. Хьисэ и закъуэу къэнащ, цӀыхубзри утыкум къинащ.