А бегъымбар нэпцӀхэр мы дуней хьэхум и бынхэщ. Аращи, ахэр мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэм топсэлъыхь икӀи мы дуней хьэхум и цӀыхухэр абыхэм я псалъэхэм йодаӀуэ.
Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.
Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым.