6 Абы и жэуапу Хьисэ яжриӀащ: – Сэ си пӀалъэр иджыри къэсакъым, ауэ фэркӀэ сыт щыгъуи пӀалъэщ.
Фэ а махуэшхуэхэм папщӀэ Ерусалим фыкӀуэ. Сэ а махуэшхуэхэм сыхэтыну зэкӀэ сыкӀуэнукъым, си пӀалъэр иджыри къэсакъыми.
– А цӀыхубз, сыт сэ си Ӏуэхуу абы хэлъыр? Си пӀалъэр иджыри къэсакъым, – жриӀащ Хьисэ и анэм.
Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым.
А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.
ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.
Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.
– Къалэм фыдыхьэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ хэсха лӀы гуэрым деж фыкӀуи, жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэ си уахътыр къэблэгъащ. Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ уи унэм щытшхынущ».
– Адэ лъапӀэм езым и тепщэныгъэкӀэ пӀалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщӀэну фыхуиткъым, – яжриӀащ Хьисэ.
адэм и сабийхэм гущӀэгъу зэрыхуищӀым хуэдэу, Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ къыхузиӀэхэм гущӀэгъу яхуещӀ.