48 – Ди тхьэмадэхэм ящыщ гуэрми фарисейхэм ящыщ гуэрми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуа?
Апхуэдэу щыт пэтми, журт пашэхэми ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, ауэ цӀыхухэм я пащхьэм ар щыжаӀэртэкъым, «Синэгуэгум дыкъыщӀахунущ», жаӀэри, фарисейхэм ящышынэрти.
Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым.
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ акъыл зиӀэ цӀыхур дэнэ щыӀэ? Торэт егъэджакӀуэ пашэр дэнэ щыӀэ? Мы зэманым щыщ цӀыхуу псалъэхэмкӀэ дэуэным хуэӀэзэр дэнэ щыӀэ? Тхьэм мы дунейм и акъылыфӀагъэр делагъэу къыщӀигъэщащ.
ЦӀыху псоми я пащхьэм къызэрыщыпсалъэм феплъ, апхуэдэу щыт пэтми, зыри жраӀэркъым. Ар зэры-Мэссихьыр ди тхьэмадэхэм фӀэщ ящыхъуауэ пӀэрэ?
Арати, Тхьэм и псалъэхэм а лъэныкъуэмкӀэ ину зыщаубгъурт. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм Ерусалим куэд щыхэхъуащ. Дин пашэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Фарисейхэм ящыщу Никодим зи цӀэм (аращ Хьисэ деж жэщу къэкӀуэгъар) адрейхэм яжриӀащ:
И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.
Пилат Ӏэтащхьэм дин пашэшхуэхэри, адрей тхьэмадэхэу Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэри, цӀыхухэри зэхуишэсри,
Фарисейхэм ящыщ лӀы гуэр щыӀащ Никодим и цӀэу. Ар журт пашэхэм ящыщт.
Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэр зымыщӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ней къащыхуащ.