47 – Фэри фыдихьэха абы? – жаӀащ фарисейхэм.
Абы щыӀэ цӀыху гупышхуэхэм Хьисэ теухуауэ куэд жаӀэурэ, зэӀущащэрт. Абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀэрт: – Ар цӀыхуфӀщ. – Хьэуэ, ар цӀыхуфӀкъым, цӀыхухэр гъуэгу захуэм трегъэкӀ, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.
цӀыхухэм щӀыхь къытхуащӀми, къытхуамыщӀми, ӀейкӀэ къыттепсэлъыхьми, къытщытхъуми, Тхьэм дызэрэхуэлажьэр догъэлъагъуэ; цӀыхухэр дгъэгъуащэу далъытэ, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу дыщытщ;
– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.
– Фэри фи адэжьхэм я хабзэм фытетын щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэм сыт фыщӀытекӀыр? – яжриӀащ Хьисэ.