Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:43 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

43 Апхуэдэу, цӀыхухэр Хьисэ щхьэкӀэ гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:43
7 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А псалъэхэм щхьэкӀэ журтхэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ аргуэру.


– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.


Абы щыӀэ цӀыху гупышхуэхэм Хьисэ теухуауэ куэд жаӀэурэ, зэӀущащэрт. Абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀэрт: – Ар цӀыхуфӀщ. – Хьэуэ, ар цӀыхуфӀкъым, цӀыхухэр гъуэгу захуэм трегъэкӀ, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.


А къалэм дэс цӀыхухэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуащ. Языныкъуэхэр журтхэм, адрейхэр апостолхэм ягухьащ.


ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэ сыкъэкӀуауэ фи гугъэ? Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, аракъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ зэгурымыӀуэныгъэ фхэслъхьэн щхьэкӀэщ,


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъыщӀэкӀуар къуэр и адэм, пхъур и анэм, нысэр и гуащэм пэзгъэувыжын щхьэкӀэщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ