Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:42 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

42 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэткъэ Мэссихь Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм къазэрыхэкӀынури, Даут зыдэса Бэтлэхьэм къалэм зэрыщыщынури?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:42
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэмщ, – къыжраӀащ абыхэм, – бегъымбарым мыпхуэдэу итхащи:


Апхуэдэу щыхъум, Исуф, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм зэращыщым щхьэкӀэ, Галилей хэкум ит Назарет къалэм икӀри, Иудей хэкум ит Даут и къалэ Бэтлэхьэм кӀуащ.


ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.


Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.


Сабэ хъужыну, ибогъэгъэзэж Уэ цӀыхум, яжыбоӀэ: «Вгъэзэж, цӀыхухэм я къуэхэм!»


Мыр зыщыщыр дощӀэ дэ. Ауэ Мэссихь къыщыкӀуэкӀэ, зыщыщыр зыми ищӀэнукъым.


«Уэ, Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм, Иудэ лъэпкъым и пашэхэм нэхърэ зыкӀи унэхъ цӀыкӀукъым; зы пашэ уэ къыпхэкӀынущи. Мэлыхъуэр мэлхэм зэракӀэлъыплъым хуэдэу, а пашэр си Израил лъэпкъым кӀэлъыплъынущ».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ