40 А псалъэхэр щызэхахым, цӀыху гуэрхэм жаӀащ: – Пэж дыдэу бегъымбарыр мыращ.
– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.
– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар? – Хьэуэ, – жиӀащ Иуан. – Бегъымбарыр уэра? – еупщӀащ ахэр. – Хьэуэ, – жиӀащ абы.
Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.
– Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым.
Абы щыӀэ цӀыху гупышхуэхэм Хьисэ теухуауэ куэд жаӀэурэ, зэӀущащэрт. Абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀэрт: – Ар цӀыхуфӀщ. – Хьэуэ, ар цӀыхуфӀкъым, цӀыхухэр гъуэгу захуэм трегъэкӀ, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.
Паул а псалъэхэр щыжиӀэм, хуабжьу зэныкъуэкъуурэ, журтхэр унэм щӀэкӀыжащ.