Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 ЦӀыхухэм Хьисэ теухуауэ Ӏущащэу ягъэхъыбархэр фарисейхэм щызэхахым, абыхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ яубыдыну ӀуэхутхьэбзащӀэхэр ягъэкӀуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:32
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ар щызэхахым, хъумакӀуэхэм я пашэр, цӀыхухъухэр и гъусэу, кӀуэри, апостолхэр залымыгъэ кӀэлъызэрамыхьэу къашащ, цӀыхухэр мывэкӀэ къеуэурэ яукӀынкӀэ шынэрти.


Арати, Иудэ зауэлӀ гупрэ дин пашэшхуэхэми фарисейхэми ягъэкӀуа хъумакӀуэ гупрэ здишащ. Ахэр къэкӀуащ Ӏэдакъэ мафӀэ нэхухэри, уэздыгъэхэри, Ӏэщэхэри яӀыгъыу.


Ар щалъагъум, фарисейхэм жаӀащ: – Абы зыри ефщӀэну зэрыфлъэмыкӀыр фолъагъу. Дунейм и цӀыху псори абы и ужь йоувэ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.


Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс, кӀэлъыкӀуащ. ПщӀантӀэм дыхьэри, хъумакӀуэхэм яхэтӀысхьащ ар итӀанэ, Хьисэ и Ӏуэху зэрыхъунум еплъыну.


Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым.


Ауэ а журтхэм ящыщ гуэрхэр фарисейхэм я деж кӀуэри, Хьисэ ищӀар хуаӀуэтэжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ