30 Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым.
Ар щажриӀэм, Хьисэ аргуэру яубыдыну хуеящ, ауэ яӀэщӀэкӀащ.
Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.
Абы и жэуапу Хьисэ яжриӀащ: – Сэ си пӀалъэр иджыри къэсакъым, ауэ фэркӀэ сыт щыгъуи пӀалъэщ.
ЦӀыхухэм Хьисэ теухуауэ Ӏущащэу ягъэхъыбархэр фарисейхэм щызэхахым, абыхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ яубыдыну ӀуэхутхьэбзащӀэхэр ягъэкӀуащ.
Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат: – Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.
– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым.
Ар щыжиӀэм, Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, мывэ къащтащ. Ауэ ямылъагъуу къахэкӀри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжащ Хьисэ.
Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фазэрыщыщыр сощӀэ, ауэ си псалъэхэр фигу илъкъыми, сывукӀыну си ужь фитщ.
Мусэ бегъымбарым Торэт хабзэр къыфхуигъэнакъэ? Апхуэдэу щытми, Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху къыфхэткъым. СывукӀыну си ужь фыщӀитыр сыт?
Фэ а махуэшхуэхэм папщӀэ Ерусалим фыкӀуэ. Сэ а махуэшхуэхэм сыхэтыну зэкӀэ сыкӀуэнукъым, си пӀалъэр иджыри къэсакъыми.
Тхьэм и унэшхуэм сывигъусэу махуэ къэс сыщӀэтт, ауэ сывубыдакъым. Фи пӀалъэр къэсащ иджы икӀи мы сыхьэтым кӀыфӀыгъэ бзаджэм тепщэныгъэр ӀэщӀыхьащ.
Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.
Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ жиӀар щызэхахым, ар зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ яригъащӀэу щыта Ӏуэхухэр цӀыху куэдым яфӀэтелъыджэти, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ щышынэрт.
Хьисэ яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхубэм ящышынащ, абыхэм ар бегъымбару ялъытэрти.
Щыгъупща Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀыну? Къытхуэгубжьауэ, и гущӀэгъу къытлъимыгъэӀэсыжыну ара?»
Хьисэ ар щажриӀэм, журтхэм ар яукӀын щхьэкӀэ, мывэхэр къащтащ.
Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.