Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 сэ соцӀыху ар, сэ абы сыщыщщ, аращ сыкъэзыгъэкӀуари.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:29
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ар фэ фщӀэркъым, сэ сощӀэ ар. Ар сымыщӀэу жысӀатэмэ, фэ фхуэдэу сэри пцӀыупс сыхъунт. Ауэ сэ ар сощӀэ, абы и псалъэхэри согъэзащӀэ.


– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


Уэ дунейм сыкъызэрыбгъэкӀуам хуэдэу, сэри ахэр дунейм згъэкӀуащ.


Тхьэм щыщым фӀэкӀа Адэ лъапӀэр зыми илъэгъуакъым. Аращ Адэ лъапӀэр зылъэгъуар.


Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.


Адэ лъапӀэм дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, езым и Къуэр къызэригъэкӀуар ди нэгу щӀэкӀащ икӀи абы щыхьэт дыхуохъу.


Тхьэм фӀыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэӀуащ: ГъащӀэ къыдитын щхьэкӀэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкӀуащ.


А гъащӀэр къэлъэгъуащ. Ар тлъэгъуащ, абы щыхьэти дыхуэхъуащ. А мыкӀуэдыжын гъащӀэу Адэ лъапӀэм деж щыӀам икӀи къытхуэлъэгъуам и хъыбар фхудоӀуатэ.


И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ