Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ итӀанэ: – Сэ фэ сыфцӀыхурэ, сызыщыщри фщӀэрэ? Мыбдеж сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуам игу щыпкъагъэ илъщ. Ар фэ фцӀыхуркъым,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:28
46 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Тхьэр фи адэу щытатэмэ, сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъунт, – яжриӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ Тхьэм сыщыщу, мыбы сыкъэкӀуащ. Сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


ИтӀанэ къеупщӀащ: – Дэнэ щыӀэ уи Адэр? – Сэри си Адэри фэ дыкъэфцӀыхуркъым, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Сэ сыкъэфцӀыхуу щытатэмэ, си Адэри фцӀыхунт.


– Фэ фтеухуауэ сэ жысӀэн икӀи фызэрызгъэкъуэншэн куэд сиӀэщ, ауэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар щыпкъэщ, абы жиӀэу зэхэсхар дунейм и цӀыхухэм яжызоӀэ.


– Сэ щыхьэт сызытехъуэжми, си щыхьэтыгъэр ирикъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри сощӀэ. Ауэ фэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри фщӀэркъым.


ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэр-сэру си псалъэхэр къыжысӀакъым, атӀэ Адэ лъапӀэу сыкъэзыгъэкӀуам жысӀэнумкӀэ унафэ къысхуищӀащ.


Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.


– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум и гум щыхьэтыгъэр илъщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыхум Тхьэр пцӀыупсу жеӀэ, Тхьэм езым и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэр и фӀэщ хъуакъыми.


Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.


Псалъэу нывжетӀар зэм арауэ, зэм армырауэ зэрыщымытыр Тхьэм и щыпкъагъэмкӀэ къыжызоӀэ.


Хьэуэ, игъэкӀуэдыжыфынукъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыпкъэщ, ауэ дэтхэнэ цӀыхури пцӀыупсщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, Тхьэ, псалъэу къыжыпӀэхэмкӀэ узахуэщ, уагъэкъуаншэми, уи щыпкъагъэр нахуэ хъунущ».


Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.


сэ къэскӀухьурэ, фи тхьэлъэӀупӀэхэм сыщеплъым, мыпхуэдэу зытетха къурмэнщӀыпӀэ гуэр срихьэлӀащ: «ДымыщӀэ Тхьэм щхьэкӀэ». Аращи, фэ фымыщӀэ Тхьэм и хъыбарыращ сэ фхуэсӀуатэр.


– Си Адэ захуэ, дунейм и цӀыхухэм уэ уащӀэркъым, ауэ сэ узощӀэ. Си цӀыхухэм уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар ящӀэ.


Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.


Ауэ Адэ лъапӀэр фӀыуэ зэрыслъагъури, унафэу къысхуищӀахэр зэрызгъэзэщӀари дунейм и цӀыхухэм ящӀэн хуейщ. Фыкъэтэджи, мыбдежым дыӀувгъэкӀыж.


Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри уи фӀэщ хъуркъэ? Сэ нывжесӀэ псалъэхэр сэр-сэру къыжысӀэркъым. Адэ лъапӀэу си псэм щыщым и Ӏуэхухэр елэжь.


Аращи, сэ, Адэ лъапӀэм къигъэувауэ, мы дунейм къигъэкӀуам, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ, дауэ «Уэ Тхьэр уогъэпцӀ» къызжефӀэн флъэкӀрэ?


Зыгуэрым хьэкум тесщӀыхь хъумэ, тесщӀыхь хьэкумыр щыпкъэщ, сэ си закъуэкъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэри си гъусэщи.


щыхьэт къыстехъуэ нэгъуэщӀ гуэр щыӀэщ. Абы щыхьэтыгъэу къысхуиӀэр зэрыщыпкъэр сощӀэ.


Абы и щыхьэтыгъэр зыдам Тхьэр зэрыщыпкъэр идауэ мэхъу.


Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.


– Назарет фӀыгъэ зыхэлъ гуэр къыдэкӀын? – къеупщӀащ Нафанаил. – КъакӀуи, еплъ! – жриӀащ абы Филипп.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм захуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.


Зиусхьэным и хабзэм и унафэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Галилей хэкум щыщ я къалэ Назарет ягъэзэжащ Мэриемрэ Исуфрэ.


ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.


Апхуэдэу щыхъум, Исуф, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм зэращыщым щхьэкӀэ, Галилей хэкум ит Назарет къалэм икӀри, Иудей хэкум ит Даут и къалэ Бэтлэхьэм кӀуащ.


НазареткӀэ зэджэ къалэм дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».


Зиусхьэныр быдапӀэ яхуохъу яужьыгуахэм, махуаем Ар я хъумапӀэщ.


А махуэшхуэхэр и бгым нэсауэ, Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ.


Хьисэ а цӀыху гупышхуэм яжриӀащ асыхьэтым: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? Тхьэм и унэшхуэм махуэ къэс сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэрт, арщхьэкӀэ сывубыдакъым.


журтхэм къыпадзыжащ: – Исуф и къуэ Хьисэкъэ мыр, зи адэмрэ зи анэмрэ тцӀыхуракъэ? «Сэ уафэм сыкъехащ» щхьэ жиӀэрэ?


Мусэ бегъымбарым Тхьэр къызэрепсэлъар дощӀэ, ауэ мы лӀыр къыздикӀар тщӀэркъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ