Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 ЦӀыху псоми я пащхьэм къызэрыщыпсалъэм феплъ, апхуэдэу щыт пэтми, зыри жраӀэркъым. Ар зэры-Мэссихьыр ди тхьэмадэхэм фӀэщ ящыхъуауэ пӀэрэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:26
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Ди тхьэмадэхэм ящыщ гуэрми фарисейхэм ящыщ гуэрми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуа?


ЦӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀам щхьэкӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшхэм я нэхъыбэм ягухэр утӀыпщауэ, мышынэу, Тхьэм и псалъэхэр нэхъ тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ.


Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ.


Апхуэдэу щыт пэтми, журт пашэхэми ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, ауэ цӀыхухэм я пащхьэм ар щыжаӀэртэкъым, «Синэгуэгум дыкъыщӀахунущ», жаӀэри, фарисейхэм ящышынэрти.


ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.


Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ящӀэн хуейуэ Тхьэм фӀэзахуэр ялэжын ядакъым. Иуан зезыгъэумэхъын зымыдар ахэращ.


Арати, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж ягъэкӀуащ, Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр я гъусэу. Абыхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, щыпкъагъэм тету Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм зэребгъащӀэм дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм жаӀэм зыкӀи уигъэгузавэркъым, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи.


Пилат Ӏэтащхьэм дин пашэшхуэхэри, адрей тхьэмадэхэу Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэри, цӀыхухэри зэхуишэсри,


Фарисейхэм ящыщ лӀы гуэр щыӀащ Никодим и цӀэу. Ар журт пашэхэм ящыщт.


– ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр?


Ерусалим щыщ цӀыхухэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ абы щыгъуэ: – Мыракъэ яукӀыну зи ужь итыр?


Ауэ цӀыху гупышхуэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъуащ абдежым. – Мэссихь къакӀумэ, мы лӀым нэхърэ нэхъыбэу нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэфыну пӀэрэ? – жаӀэрт абыхэм.


– СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ