24 Щхьэтелъэфу хьэкум фымыщӀ, щыпкъагъэм тету фщӀы хьэкум.
Ауэ цӀыхухэм я фэм феплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щымытмэ, гуэныхь фощӀэ, Тхьэм и унафэхэми фытекӀауэ къуаншагъэ влэжьауэ мэхъу.
Мы дунейм и цӀыхухэм Ӏуэхухэм хьэкум зэрытращӀыхьым хуэдэу, фэ хьэкум фощӀ. Сэ зыми хьэкум тесщӀыхьыркъым.
Си къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу щӀыхьышхуэ зыбгъэдэлъымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, цӀыхухэм я фэм фемыплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щытын хуейщ.
абы щыгъуэ цӀыху зэхэгъэж фщӀауэ аркъэ? Гупсысэ Ӏей зиӀэ хеящӀэхэм яхуэдэ фыхъуакъэ?
Ди Тхьэ! Зумыущэху, Макъыншэ зумыщӀ, утемыпыӀэ, ди Тхьэ!
Ерусалим щыщ цӀыхухэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ абы щыгъуэ: – Мыракъэ яукӀыну зи ужь итыр?
Фи нэм иубыдыращ флъагъу къудейр. Фэ фщыщ гуэрым и псэм Мэссихь щыщу и фӀэщ хъумэ, апхуэдабзэу дэри ди псэм Мэссихь зэрыщыщым ирегупсыс.