22 – Мусэ бегъымбарым сунэт щӀыныр хабзэу къыфхуигъэнащи (ипэжыпӀэкӀэ сунэт щӀыныр къызыбгъэдэкӀар Мусэкъым, ди адэшхуэхэр арщ), цӀыхур щэбэт махуэм сунэт фщӀыркъэ?
Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Тхьэм езымрэ Ибрэхьимрэ яку зэгурыӀуэныгъэ дилъхьэу илъэс щиплӀрэ щэщӀрэ дэкӀауэ къежьа Торэт хабзэм а зэгурыӀуэныгъэр игъэкӀуэдын лъэкӀынукъым. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀри къимыгъэхъун лъэкӀынукъым Торэт хабзэм.
Ибрэхьим Исхьэкъыр, езым и къуэр, сунэт ищӀащ еянэ махуэм, Тхьэм абы унафэ къызэрыхуищӀам тетэу.
Тхьэм езымрэ Ибрэхьимрэ яку зэгурыӀуэныгъэ зэрыдилъхьам и дамыгъэу Ибрэхьим сунэт щӀыныр къыхуигъэнащ. Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуэхъури, ар еянэ махуэм сунэт ищӀащ. И ныбжь щынэсым Исхьэкъ къишэри, Екъуб къыхуэхъуащ. Екъуб ди адэшхуэ пщыкӀутӀым адэ яхуэхъуащ.