21 – Зы Ӏуэху телъыджэ закъуэ щэбэт махуэм зэрысщӀар фэ псоми фогъэщӀагъуэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр?
Апхуэдэ Ӏуэхухэр щэбэт махуэм зэрищӀэм щхьэкӀэ, журтхэм Хьисэ кърахуэкӀыу щӀадзащ, яукӀынуи и ужь къихьащ.