18 Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.
Си Адэ, уи цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу. Хьисэ ар щыжиӀэм, уафэм макъ къиӀукӀащ: – Си цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкӀи езгъэлъагъунущ.
Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – А узыр зэрылӀыкӀын узкъым, и хьэтыр атӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэр къыхуэзыхьын узыфэщ. А узыфэм и хьэтыркӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Къуэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.