Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 – Тхьэр зыхуейр зылэжьыну хуейм зэхищӀыкӀынущ цӀыхухэм сэ езгъащӀэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкӀми сэ къызбгъэдэкӀми.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:17
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЖысӀэр сыт къыщӀывгурымыӀуэр? Сэ жысӀэр зэхэфхыфыркъыми, аращ къыщӀывгурымыӀуэр.


Тхьэм и бынхэр абы и псалъэхэм йодаӀуэ, фэ Тхьэм и псалъэхэм фыщӀемыдаӀуэр Тхьэм фрибынкъыми, арщ.


Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


Сэ гъуэгу захуэм сытетщ; Зиусхьэным и щӀыхьыр щысӀуэтэнщ зэхуэсышхуэм.


– Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ.


Ауэ щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри нэхум йокӀуалӀэ, Тхьэм и псэм зэрыщыщым папщӀэ а Ӏуэхухэр зэрилэжар нахуэ хъун щхьэкӀэ.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ