16 – Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ псалъэхэр къызыбгъэдэкӀыр сэракъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуаращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
ФӀыуэ сыкъэзымылъагъум си псалъэхэр игъэзащӀэркъым. Сэ жысӀэу зэхэфх псалъэхэр си псалъэкъым. Адэ лъапӀэу сыкъэзыгъэкӀуам и псалъэщ.
Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри уи фӀэщ хъуркъэ? Сэ нывжесӀэ псалъэхэр сэр-сэру къыжысӀэркъым. Адэ лъапӀэу си псэм щыщым и Ӏуэхухэр елэжь.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Зыри злэжьын слъэкӀынукъым сэр-сэру, Тхьэм къыжиӀэу зэрызэхэсхым хуэдэущ, цӀыхухэм хьэкум зэратесщӀыхьыр. Сэ ятесщӀыхь хьэкумыр захуэщ, сэ сызыхуейракъым злэжьыр, сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейращ злэжьыну зи ужь ситыр.
Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ.
Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, дэ тщӀэращ дызытепсэлъыхьыр, тлъэгъуаращ щыхьэт дызытехъуэри, ауэ щыхъукӀи ди щыхьэтыгъэр фэ вдэркъым.
– Сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэм къысхуимышэмэ, си деж къэкӀуэн зыми лъэкӀынукъым. Си деж къакӀуэр къемэтмахуэм сэ къэзгъэтэджыжынущ.
– ИщхьэкӀэ къехыр псоми ящхьэжщ. Ауэ щӀылъэм щыщыр щӀылъэм ейщ, щӀылъэм тетхэр зэрыпсалъэм хуэдэу ари мэпсалъэ. Уафэм къехыр псоми ящхьэщ.
Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Ӏуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщӀигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм куэд мыщӀэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ и мелыӀычыр езым хуэлажьэ Иуан и деж игъакӀуэри, къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр гуригъэӀуащ.
Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ.