Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 – Мы лӀыр емыджауэ, мыпхуэдиз щӀэныгъэ дэнэ къриха? – ягъэщӀагъуэу жаӀащ журтхэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:15
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ. – Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ.


И анэ и къалэм къэкӀуэжри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгум щаригъащӀэу щӀидзащ. ЦӀыхухэм зэраригъащӀэ щӀыкӀэр ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым мыпхуэдиз акъылыфӀагъэ дэнэ къриха? Мыпхуэдэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэлажьэхэр дэнэ къикӀрэ?


Паул апхуэдэу зиухей щыхъум, Фест макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Паул, уэ уделэщ. Уэ уи щӀэныгъэшхуэм уи щхьэр зэригъэкӀуэкӀащ.


– А лӀыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъакъым, – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.


ЩӀалэм жиӀэм едаӀуэу щыс псоми абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщӀагъуэрт.


Ар щызэхахым, абыхэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Хьисэ къагъанэри, ежьэжащ.


Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,


ЦӀыху гупышхуэхэм ар щызэхахым, Хьисэ яригъэщӀа Ӏуэхухэр ягъэщӀэгъуащ.


А махуэшхуэхэм хэт журтхэр Хьисэ лъыхъуэрт, «А лӀыр дэнэ щыӀэ?» жаӀэурэ.


Ауэ журтхэм щышынэрти, Хьисэ теухуауэ цӀыхухэм я пащхьэм зыми зыри щыжиӀэртэкъым.


Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ