Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 А махуэшхуэхэр и бгым нэсауэ, Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:14
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ итӀанэ: – Сэ фэ сыфцӀыхурэ, сызыщыщри фщӀэрэ? Мыбдеж сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуам игу щыпкъагъэ илъщ. Ар фэ фцӀыхуркъым,


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ цӀыхухэм. Дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, цӀыхухэм яӀэ адрей пашэхэми Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ,


– СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым.


Нэху щыщым, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ аргуэру икӀи цӀыху псори абы деж къэкӀуащ. Хьисэ тӀысри, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.


Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.


Шэтырхэр щагъэув журт махуэшхуэхэр къэблэгъащ.


А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.


Хьисэ а цӀыху гупышхуэм яжриӀащ асыхьэтым: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? Тхьэм и унэшхуэм махуэ къэс сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэрт, арщхьэкӀэ сывубыдакъым.


Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, абы щӀэт сатуущӀэхэри щэхуакӀуэхэри псори къыщӀихуу щӀидзащ абы и ужькӀэ; ахъшэ зыхъуэжхэм я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ.


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ