Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 7:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Хьисэ и къуэшхэр а махуэшхуэхэм хэтыну кӀуа нэужь, Хьисэи якӀэлъыкӀуащ, ауэ цӀыхухэм ямыщӀэу, къамылъагъуущ зэрыкӀуар.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 7:10
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.


Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.


Абы къыхэкӀкӀэ цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ журтхэм къахыхьэжакъым, а щӀыпӀэм икӀыжщ, губгъуэ нэщӀ лъэныкъуэмкӀэ ит Ефраим жылэм кӀуэри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу а жылэм къыдэнащ.


Ар къыщӀыжраӀар езым и къуэш дыдэхэми ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэтэкъыми, арщ.


Арати, и къуэшхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Уэ блэжь Ӏуэху телъыджэхэр уи гъуэгу ирикӀуэхэм ялъагъун щхьэкӀэ, мыбы икӀи, Иудей хэкум кӀуэ.


– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури. Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.


ЗэкӀэ сызылъагъу мыхъухэр си нэщӀыбагъкӀэ щоӀущащэ, Бзаджагъэ къызащӀэну ягу иралъхьэ.


Уэ жыпӀэгъащ: «Сэ сызыхуэдэр зэвгъащӀэ». Си гум къызжиӀащ Уэр папщӀэ: «Зиусхьэн, узыхуэдэр зэзгъэщӀэнщ».


А псалъэхэр цӀыху гупышхуэм щажриӀэм, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къепсэлъэну хуейуэ къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтт.


Хьисэ къызэригъэзэжар и унэкъуэшхэм щызэхахым, «Абы зищӀэжыркъым», жаӀэри, къашэжыну дэкӀащ.


Ар яжриӀэри, Хьисэ Галилей хэкум къинащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ