9 – Хьэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ зиӀэ щӀалэ цӀыкӀу гуэр къытхэтщ, ауэ мыпхуэдиз цӀыхум ар яхурикъун?
– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – жаӀащ абыхэм, – дыщимыӀэкӀэ мы цӀыху псоми шхын къахуэтщэхун щхьэкӀэ, дежьэн?
– ЩӀакхъуэ дапщэ фэ фиӀэр? ФыкӀуи, феплъыт, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. ЯӀэм еплъри, жаӀащ: – ЩӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ диӀэщ.
– Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – къыжраӀащ адрейхэм.
КъывгурымыӀуэу ара иджыри? ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?
ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжари? – Матэ пщыкӀутӀ, – къыжраӀащ абыхэм.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.
ПсэущхьиплӀым яку макъ гуэр къыдэӀукӀри мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: «Фалъищым илъ гуэдзыр зы махуапщӀэ мэхъу, фалъибгъум илъ хьэри зы махуапщӀэ мэхъу. Дагъэми жызумми уи ягъэ йомыгъэкӀ».
Мэрием Хьисэ здэщыӀэм къакӀуэри, Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ мыбы ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.
– Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ Хьисэ, – уэ мыбдеж ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.
– Дэтхэнэми щӀакхъуэ бзыгъэ лъысу къэпщэхун щхьэкӀэ, динар щитӀри мащӀэщ, – жэуап иритыжащ абы Филипп.
Хьисэ щӀакхъуэхэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ. ЩӀакхъуэр цӀыхухэм хуагуэшащ абыхэм, бдзэжьейхэм щыщуи щхьэж зыхуейм хуэдиз иратащ.
Псы Ӏуфэм къыщысым, фӀамыщӀ мафӀэр зэщӀэгъэнауэ, абы бдзэжьей пэрылъу, щӀакхъуи бгъэдэлъу ялъэгъуащ.
– Къэвубыда бдзэжьейхэм ящыщ къэфхь иджы! – яжриӀащ Хьисэ.
Хьисэ къакӀуэщ, щӀакхъуэр къищтэри, яритащ. Бдзэжьейри яритащ.