Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 6:60 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

60 Хьисэ и псалъэр щызэхахым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэдым жаӀащ: – Мыбы жиӀэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэӀуэфынур?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 6:60
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэд и гъуэгу текӀыжри, и гъусэн ядэжакъым абы къыщыщӀэдзауэ.


ЖысӀэр сыт къыщӀывгурымыӀуэр? Сэ жысӀэр зэхэфхыфыркъыми, аращ къыщӀывгурымыӀуэр.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.


Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.


Мы Ӏуэхугъуэхэм ар щытопсэлъыхь и тхылъ псоми. ГурыӀуэгъуейхэм фыщрихьэлӀэнущ а тхылъхэм. Теубыдагъэ зимыӀэ цӀыху акъылыншэхэм Паул и тхылъхэр зэӀагъэхьэ, адрей тхылъ лъапӀэхэр зэрызэӀагъэхьэм хуэдэу. Апхуэдэу зэращӀымкӀэ хоукъуэ, лей зрахыж.


Мы Ӏуэхум теухуауэ къыжытӀэн хуеяр куэд мэхъу. Ауэ фитхьэкӀумэ жьажьэщи, а Ӏуэхухэр зэхывэзгъэщӀыкӀыныр гугъущ.


Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.


– Мы лӀым и пкъыр дигъэшхын зэрылъэкӀынур дауэ? – жаӀэу, журтхэм хуабжьу зэныкъуэкъуу щӀадзащ.


ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр къыфхэтщ итӀани. Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэри езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынури ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ ищӀэрти, аращ.


Арати, и къуэшхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Уэ блэжь Ӏуэху телъыджэхэр уи гъуэгу ирикӀуэхэм ялъагъун щхьэкӀэ, мыбы икӀи, Иудей хэкум кӀуэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ