57 ГъащӀэ щыпкъэ къызыбгъэдэкӀ Адэ лъапӀэм сыкъыфхуигъэкӀуащи, си гъащӀэр абы къызэрыбгъэдэкӀым хуэдэу, си пкъыр зышхым и гъащӀэри сэ къызбгъэдэкӀынущ.
Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.
Адэ лъапӀэм цӀыхухэм гъащӀэ зэрыритым хуэдэу, абы и Къуэми цӀыхухэм гъащӀэ иритыну тепщэныгъэ къритащ.
А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ.
Тхьэм фӀыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэӀуащ: ГъащӀэ къыдитын щхьэкӀэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкӀуащ.
Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
екӀуу дызэревгъэблэгъари, гъащӀэ зиӀэ Тхьэ щыпкъэм фыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, тхьэ нэпцӀхэм фи щӀыбагъыр зэрыхуэвгъэзари абыхэми яӀуэтэж.
ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу жорым ираӀулӀауэ щыт пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ иджы псэущ. Мэссихь ди псэм щыщу дэри лъэкӀыныгъэ димыӀэ пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дэри Мэссихь ди гъусэу дыпсэунущ, дыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ.
ЦӀыху псори Ӏэдэм къызэрытехъукӀахэм щхьэкӀэ, зэрылӀэжынум хуэдэу, Мэссихь зи псэм щыщ цӀыху псори Тхьэм къигъэпсэужынущ.
ТӀэкӀу дэкӀмэ, дунейм и цӀыхухэм салъагъужынукъым, ауэ фэ сыфлъагъунущ, сэ сопсэу, фэри фыпсэунущи.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
– Уэращ Мэссихьу гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.
Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.
– Тхьэм къигъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуныращ Тхьэр зыхуей Ӏуэхур, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Сэ сызыхуейр сщӀэну аракъым уафэм сыкъыщӀехар, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр сщӀэн щхьэкӀэщ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.