54 Си пкъыр зышхыу силъми ефэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, къемэтмахуэм ар сэ къэзгъэтэджыжынущ.
Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къезытыр. Си пкъыр фэзгъэшхын щхьэкӀэкъым ар щӀыжысӀэр. Ар сэбэп хъужынукъым. НывжесӀа псалъэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ ящӀ.
Шхыныгъуэ кӀуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езыт шхыныгъуэрщ. А шхыныгъуэращ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм къывитынур, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр зэридэм и щыхьэт мыхъурыр абы къытригъэуащи.
– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си пкъыр шхыныгъуэ щыпкъэщ, силъри узэфэ хъун щыпкъэщ.