Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 6:51 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

51 ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэу уафэм къехар сэращ. Мы щӀакхъуэм щыщ зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ. Дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ сщӀын щхьэкӀэ, стыну щӀакхъуэр си пкъыр арщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 6:51
30 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ итӀанэ: – Мы щӀакхъуэр, фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, стыну си пкъыращ. Фи гум сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мыр фшхы.


уафэм къехыу, дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ езытыращ Тхьэм и щӀакхъуэр.


Уафэм зы цӀыхуи дэкӀуеякъым, ауэ уафэр зи псэупӀэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къехащ.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


Хьисэ и пкъыр къурмэныпхъэ зэрищӀам щхьэкӀэ, цӀыхухэм гъащӀэ къыдэзыт гъуэгущӀэу Ӏупхъуэм блэкӀыр къытхуӀуихащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Зиусхьэным гъунэгъу зыхуэфщӀ. Аращ псэ зыпыт мывэу цӀыхухэм зрамыпэсу хыфӀадзэжар, ауэ Тхьэм ар къыхихащ, езым дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.


Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.


Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.


Адэ лъапӀэм дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, езым и Къуэр къызэригъэкӀуар ди нэгу щӀэкӀащ икӀи абы щыхьэт дыхуохъу.


ФӀылъагъуныгъэ жыхуэсӀэр Тхьэм дэ худиӀэ фӀылъагъуныгъэр аракъым, атӀэ Тхьэм фӀыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкӀуар арщ.


Дэ гуэныхьу тщӀахэр зыпшыныж къурмэныпхъэр Хьисэщ, ди гуэныхьхэм я закъуэкъым абы ипшыныжыр, атӀэ дунейм тет цӀыху псоми я гуэныхьхэр епшыныж.


А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Мэссихь члисэ зэхуэсыр фӀыуэ илъагъуу, и псэр абы зэрыщӀитам хуэдэу, дэтхэнэ лӀыми и фызыр фӀыуэ ирелъагъу.


Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм ахэр къуаншэу имылъытауэ, Мэссихь къыпкъырыкӀыу дунейм и цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ Тхьэм, цӀыхухэр езым зэрызригъэкӀужам и хъыбарыр абыхэм едгъэщӀэну ди пщэм къыдилъхьащ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм и гум гъащӀэ щыпкъэр къызыхэкӀ псыхэр къижынущ».


Мусэ бегъымбарым губгъуэ нэщӀым блэр зэрыщиӀэтыгъам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ,


Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, Къуэм емыдаӀуэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.


– ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Си деж къакӀуэр мэжэлӀэжынукъым, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым.


Хьисэ «Уафэм къеха щӀакхъуэр сэращ» зэрыжиӀар ягу темыхуэу,


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ.


ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ.


Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. Ар зышхыр лӀэнукъым.


апхуэдэ гъащӀэ зиӀэ хъууэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъащӀэкӀэ лӀэнукъым. Ар уи фӀэщ хъурэ уэ? – жиӀащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ