Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 6:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Хьисэ, къаплъэри, цӀыху куэд къыкӀэлъыкӀуэу щилъагъум, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ Филипп зи цӀэм жриӀащ: – Мы цӀыхухэм едгъэшхын щӀакхъуэ дэнэ къыщытщэхунур?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 6:5
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Мыпхуэдиз цӀыхум яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм Хьисэ.


– МазиплӀ дэкӀмэ, гъавэ Ӏухыжыгъуэр къэсынущ, аракъэ фэ жыфӀэр? АтӀэ сэ нывжызоӀэ, фи напӀэр къэфӀэти, губгъуэхэм фиплъэ! Гъавэр гъуэжьыбзэ хъури, я Ӏухыжыгъуэр къэсащ.


Хьисэ Галилей хэкум кӀуэну триубыдащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ Филипп хуэзри, жриӀащ итӀанэ: – Си ужь къиувэ.


Арати, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ яунэтӀащ я закъуэу.


Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм кӀуащ итӀанэ я закъуэу.


А Филиппыр Индрисрэ Петррэ зыдэс Вифсайдэ къалэм щыщт.


Филипп кӀуэщ, Нафанаил къигъуэтри, жриӀащ: – Торэт хабзэм иту Мусэ бегъымбарми адрей бегъымбархэми зи гугъу ящӀар къэдгъуэтащ. Ар Исуф и къуэу Назарет къалэм щыщ Хьисэр аращ.


– Назарет фӀыгъэ зыхэлъ гуэр къыдэкӀын? – къеупщӀащ Нафанаил. – КъакӀуи, еплъ! – жриӀащ абы Филипп.


– Дэнэ сыкъыщыпцӀыхурэ? – къеупщӀащ Нафанаил Хьисэ. – Филипп къоджэн и пэкӀэ, ахъуо жыгым и щӀагъым ущыщӀэтым, услъэгъуащ, – жиӀащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ