32 – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – Мусэ бегъымбарыракъым уафэм къеха щӀакхъуэр къывэзытар, атӀэ си Адэр арщ уафэм къикӀ щӀакхъуэ пэжыр къывэзытыр;
– Жызумыпкъ пэжыр сэращ, жызумгъэкӀри си Адэращ.
Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. А щӀакхъуэр фи адэжьхэм яшхыу щыта мэнн шхыныгъуэ хуэдэкъым. Ар яшхыу щыта пэтми, итӀани лӀащ ахэр, ауэ мы щӀакхъуэр зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ.
Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си пкъыр шхыныгъуэ щыпкъэщ, силъри узэфэ хъун щыпкъэщ.
Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. Ар зышхыр лӀэнукъым.
Хьисэ «Уафэм къеха щӀакхъуэр сэращ» зэрыжиӀар ягу темыхуэу,
– ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Си деж къакӀуэр мэжэлӀэжынукъым, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым.
уафэм къехыу, дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ езытыращ Тхьэм и щӀакхъуэр.
Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.
– «Уафэм къех щӀакхъуэр яшхыну Тхьэм къаритащ» жиӀэу Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, ди адэжьхэм губгъуэ нэщӀым мэнн зи цӀэ шхыныр щашхыу щытащ.