Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 6:31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

31 – «Уафэм къех щӀакхъуэр яшхыну Тхьэм къаритащ» жиӀэу Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, ди адэжьхэм губгъуэ нэщӀым мэнн зи цӀэ шхыныр щашхыу щытащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 6:31
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Арати, Тхьэр и цӀыху лъэпкъым хуэгубжьащ, Езым и цӀыхухэр Ӏумпэм ищӀащ;


Фи адэжхэм губгъуэ нэщӀым мэнн шхыныр щашхыу щытащ, итӀани лӀащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.


А псоми Тхьэм деж къикӀа шхыныр яшхырт.


Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. А щӀакхъуэр фи адэжьхэм яшхыу щыта мэнн шхыныгъуэ хуэдэкъым. Ар яшхыу щыта пэтми, итӀани лӀащ ахэр, ауэ мы щӀакхъуэр зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – Мусэ бегъымбарыракъым уафэм къеха щӀакхъуэр къывэзытар, атӀэ си Адэр арщ уафэм къикӀ щӀакхъуэ пэжыр къывэзытыр;


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ