26 – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэрыфлъэгъуам щхьэкӀэкъым фыкъыщӀыслъыхъуэр, атӀэ щӀакхъуэхэм щыщ фшхыри, зывгъэнщӀащи аращ.
А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.
ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым.
зи акъыл ныкъуэу, щыпкъагъэм пэжыжьэ цӀыхухэм я зэщыхьэныру пщӀэ зимыӀэрщ. Тхьэр гъэлъэпӀэныр абыхэм фейдэ хэкӀыпӀэу къафӀощӀ. Абыхэм пэӀэщӀэ зыщӀ.
Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.
Сымаджэхэр игъэхъужурэ, Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэралъэгъуам щхьэкӀэ цӀыху гупышхуэ абы и ужь иту кӀуэрт.
А цӀыху гупышхуэм Хьисэи абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а щӀыпӀэм щымыӀэжу щалъагъум, кхъуафэжьейхэм итӀысхьэжри, Хьисэ лъыхъуэу Капернаум къалэм кӀуащ.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр къыфхэтщ итӀани. Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэри езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынури ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ ищӀэрти, аращ.
– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пкъыр фымышхыу, илъми фемыфэу, гъащӀэ фиӀэнукъым
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ.
– Сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ ди нэгу щӀэбгъэкӀын, ар ди нэкӀэ тлъагъуу, уэркӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъун щхьэкӀэ? Сыт пщӀэнур? – къыжраӀащ абыхэм.
Ауэ цӀыхухэр къакӀуэу, езыр яубыду, лӀыгъэкӀэ пащтыхь ящӀыну ягу зэрилъыр ищӀэрти, ӀукӀыжри, Ӏуащхьэм и закъуэу дэкӀуеижащ Хьисэ.
Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.
Ауэ зэрывжесӀам хуэдэу, сэ сыфлъэгъуа пэтми, итӀани фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуркъым.