1 Галилей гуэлым (Тивериадэ гуэлыр арщ) Хьисэ кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀащ абы и ужькӀэ.
Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ.
Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.
Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, зэшитӀ ирихьэлӀащ Хьисэ. ПетркӀэ зэджэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэт ахэр. Абыхэм хъыр гуэлым хадзэрт, бдзэжьеящэти.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Тивериадэ гуэлым деж аргуэру закъыщригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ:
Абы и ужкӀэ, а щӀыпӀэм икӀыжщ, Галилей гуэлым Ӏухьэщ, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ абдежым щытӀысащ.
Хьисэ Галилей хэкур къызэхикӀухьащ абы и ужькӀэ. ЯукӀыну и ужь журтхэр къитти, Хьисэ Иудей хэкур къызэхикӀухьыну хуейтэкъым.
– Уи нэхэр дауи къэплъэжа? – къеупщӀащ ахэр.