9 А лӀыр напӀэзыпӀэм хъужащ, и алэрыбгъур къищтэри къикӀухьащ. Ар къыщыхъуар щэбэт махуэт.
Хьисэ ятӀэ зэхищӀэу, нэфым и нэхэр къыщигъэплъэжа махуэр щэбэт махуэт.
– КӀуэж, – жриӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Нэфым и нэхэр асыхьэтым къэплъэжри, Хьисэ и ужь иту гъуэгум техьащ.
Хьисэ зэреӀусэу, цӀыхубзым лъы щӀэкӀыныр увыӀащ икӀи зэрыхъужар езым и ӀэпкълъэпкъымкӀэ зыхищӀащ.
Уэшын узыр асыхьэтым щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ.
Хьисэ абы деж кӀуэщ, и Ӏэр иубыдри къигъэтӀысащ. Плъыржьэрыр щхьэщыкӀщ, къызэфӀэувэжри, абы хьэщӀагъэ къарихащ.
Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр?
А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.