6 Ар щилъагъум, куэд щӀауэ зэрысымаджэр ищӀэрти, Хьисэ абы еупщӀащ: – Ухъужыну ухуей? – жери.
Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.
– Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – Зиусхьэн, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – жиӀащ нэфым.
Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.
– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.
Бийр си ужь итщ, си гъащӀэр щӀым хиутащ; куэд щӀауэ лӀахэм яхуэдэу кӀыфӀым сыщыпсэуну сищӀащ;
Илъэс щэщӀрэ икӀэ сымаджэу щыта лӀы гуэр сымаджэхэм яхэлът.
– Зи щӀыхь ин, – жиӀащ сымаджэм, – псыр щыщэнауэкӀэ, зыгъэпскӀыпӀэм сыхэзышэн гъусэ сиӀэкъым. Сэ сынэмысурэ, нэгъуэщӀ гуэр сяпэ йощри, псым хохьэ.