Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 5:43 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

43 Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 5:43
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Сэ вжесӀат, ауэ фи фӀэщ хъуакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм и цӀэкӀэ сэ злэжь Ӏуэхухэр щыхьэт къыстохъуэж.


– Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ» жаӀэу, цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


Сэ сызыхуейр сщӀэну аракъым уафэм сыкъыщӀехар, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр сщӀэн щхьэкӀэщ.


Си Адэ, уи цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу. Хьисэ ар щыжиӀэм, уафэм макъ къиӀукӀащ: – Си цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкӀи езгъэлъагъунущ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.


– Зэман тӀэкӀукӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, Мысырым щыщ цӀыхухэр къызэщӀэзыӀэтэу хъунщӀакӀуэ миниплӀ губгъуэ нэщӀым изышар уэракъэ?


Сэ фэ фызоцӀыху: Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр фигу илъкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ