Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 5:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 – ЦӀыхухэр зыщызгъэтхъуну сыщӀэкъуркъым сэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 5:41
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.


Фэрами нэгъуэщӀхэрами, цӀыхухэм щӀыхь зыхуедгъэщӀыну дыхэтакъым.


ЩӀыхь згъуэтыным и ужь ситкъым сэ, ауэ щӀыхь къыслъигъэсыну и ужь иту, цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхь щыӀэщ.


Зы цӀыху гуэри щыхьэт къыстехъуэну сэ сыхуэныкъуэкъым, ауэ фэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ, ар жызоӀэ.


– Сэ сызыщытхъужмэ, ар пщӀэншэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Ауэ сэ си щӀыхьыр зыӀэтыр си Адэу фэ фи Тхьэуэ жыхуэфӀэр арщ.


Ауэ цӀыхухэр къакӀуэу, езыр яубыду, лӀыгъэкӀэ пащтыхь ящӀыну ягу зэрилъыр ищӀэрти, ӀукӀыжри, Ӏуащхьэм и закъуэу дэкӀуеижащ Хьисэ.


Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр», жиӀэу, щӀыхьышхуэ зиӀэу Тхьэуэ Лъагэм и макъыр Хьисэ щызэхригъэхым, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм лъытэныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ абы хуигъэфэщащ.


Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.


Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.


Сэ фэ фызоцӀыху: Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр фигу илъкъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щытхъум нэхърэ цӀыхухэм я щытхъур нэхъ я гуапэти.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ