40 Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.
Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти.
Езым и къэралым къэкӀуащ, ауэ абы и цӀыхухэм ар ядакъым.
Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.
– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь щӀэным къыхэкӀыр лӀэныгъэщ, ауэ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.
ИпэжыпӀэкӀэ, Къуэ лъапӀэр зылъагъуу, ар зи фӀэщ хъуа дэтхэнэми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ зэрыхъунырщ си Адэр зыхуейр; а цӀыхур сэ къемэтмахуэм къэзгъэтэджыжынущ.
Шхыныгъуэ кӀуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езыт шхыныгъуэрщ. А шхыныгъуэращ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм къывитынур, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр зэридэм и щыхьэт мыхъурыр абы къытригъэуащи.
Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?
Къеблэгъэнухэм я деж пащтыхьым и унэӀутхэр игъэкӀуащ, ауэ абыхэм къэкӀуэн ядакъым.
Тхьэм и псалъэ тхахэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ хэвгъуэтэн фи гугъэу, ар фи фӀэщу щӀыводжыкӀ. Аращ сэ щыхьэт къыстехъуэр.
– ЦӀыхухэр зыщызгъэтхъуну сыщӀэкъуркъым сэ.
ДыгъуакӀуэр къыщӀэкӀуэр дыгъуэн, цӀыхур иукӀын икӀи игъэкӀуэдын щхьэкӀэщ. Сэ сыкъыщӀэкӀуар цӀыхухэм гъащӀэр щызу естыну аращ.