Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 5:36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

36 – Иуан щыхьэтыгъэу къысхуиӀам нэхърэ нэхъ щыхьэтыгъэшхуэ сиӀэщ. Сэ злэжьын хуей Ӏуэхуу Адэ лъапӀэм си пщэм къыдилъхьар солэжь. А Ӏуэхухэращ Адэ лъапӀэм сыкъызэригъэкӀуамкӀэ щыхьэт къыстехъуэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 5:36
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Сэ вжесӀат, ауэ фи фӀэщ хъуакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм и цӀэкӀэ сэ злэжь Ӏуэхухэр щыхьэт къыстохъуэж.


НэгъуэщӀ зыми имылэжьа Ӏуэхушхуэхэр абыхэм я пащхьэм сэ щызмылэжьатэмэ, абыхэм гуэныхь яӀэнутэкъым. Ауэ а злэжьа Ӏуэхушхуэхэр ялъэгъуа пэтми, сэри си Адэри дыкъалъагъу мыхъу хъуащ.


ӀутӀыж махуэшхуэм Ерусалим щыщыӀэм, Хьисэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къигъэлъэгъуахэр я нэгу щӀэкӀати, цӀыху куэдым абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


ЦӀыхухэм я щыхьэтыгъэр додэ, ауэ Тхьэм и щыхьэтыгъэр нэхъ лъапӀэщ, а щыхьэтыгъэр езы Тхьэм и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэщи.


Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.


Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


– Вгъэзэжи, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ, – зэхэфхымрэ флъагъумрэ Иуан хуэфӀуэтэж:


Петр къыщӀигъужащ абы и ужькӀэ: – Израил цӀыхухъухэ, мы псалъэхэм фыкъедаӀуэ: Назарет щыщ Хьисэ Тхьэм зэрыщыщыр фэркӀэ къигъэщыпкъащ. Тхьэм ар къызэригъэщыпкъэжар Хьисэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фи деж зэрыщригъэлэжьамрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр фигъэлъагъуну зэрылъигъэкӀамрэщ.


щыхьэт къыстехъуэ нэгъуэщӀ гуэр щыӀэщ. Абы щыхьэтыгъэу къысхуиӀэр зэрыщыпкъэр сощӀэ.


– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.


– А нэфым и нэхэр къэзыгъэплъэжам Лазари имыгъэлӀэн хузэфӀэкӀынтэкъэ? – жаӀащ абыхэм ящыщ гуэрхэм.


– Сыт сыкъыщӀэфлъыхъур? – яжриӀащ абы. – Си Адэм и унэшхуэм сыщӀэсын зэрыхуейр фщӀэркъэ?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ