32 щыхьэт къыстехъуэ нэгъуэщӀ гуэр щыӀэщ. Абы щыхьэтыгъэу къысхуиӀэр зэрыщыпкъэр сощӀэ.
Абы и унафэм цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэригъэхъур сощӀэ. Аращи, сэ къыжысӀэ псори Адэ лъапӀэм къызэрыжиӀам тету къыжызоӀэж.
Езыр сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъэзыгъэкӀуам къызжиӀащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къызыхуехауэ, зыщхьэщыт цӀыхур арщ цӀыхухэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀэ зыумэхъынур».
Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.
тхьэрыкъуэм и пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Хьисэ къыхуехащ. Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – Уэращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Сигу урихьащ уэ.
Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – ФӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр уэращ.
Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
Зы цӀыху гуэри щыхьэт къыстехъуэну сэ сыхуэныкъуэкъым, ауэ фэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ, ар жызоӀэ.