Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 5:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 Зыри злэжьын слъэкӀынукъым сэр-сэру, Тхьэм къыжиӀэу зэрызэхэсхым хуэдэущ, цӀыхухэм хьэкум зэратесщӀыхьыр. Сэ ятесщӀыхь хьэкумыр захуэщ, сэ сызыхуейракъым злэжьыр, сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейращ злэжьыну зи ужь ситыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 5:30
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ сызыхуейр сщӀэну аракъым уафэм сыкъыщӀехар, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр сщӀэн щхьэкӀэщ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Къуэ лъапӀэм езыр-езыру зыри хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыу илъагъум фӀэкӀа, нэгъуэщӀ зыри илэжьын хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыр абы и Къуэми елэжь.


– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри уи фӀэщ хъуркъэ? Сэ нывжесӀэ псалъэхэр сэр-сэру къыжысӀэркъым. Адэ лъапӀэу си псэм щыщым и Ӏуэхухэр елэжь.


Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.


Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.


Мэссихьи езым и фӀагъ зригъэкӀыжакъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, си Тхьэм, къыпхущӀэджащ, ауэ жаӀахэр сэ къыстехуащ».


ЩӀыхь згъуэтыным и ужь ситкъым сэ, ауэ щӀыхь къыслъигъэсыну и ужь иту, цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхь щыӀэщ.


– Тхьэр фи адэу щытатэмэ, сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъунт, – яжриӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ Тхьэм сыщыщу, мыбы сыкъэкӀуащ. Сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.


– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?


Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?


Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ.


Апхуэдэ Ӏуэху зылэжьхэм Тхьэм щыпкъагъэм тету хьэкум зэратрищӀыхьынур дощӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ