28 – Ар фымыгъэщӀагъуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъэм щӀэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщыщӀэкӀыжыну махуэр къэсынущ.
ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ.
Езым и лъэкӀыныгъэшхуэ зэрылажьэмкӀэ, Ӏуэху псори и тепщэныгъэм зэрыщӀигъэувэмкӀэ дипкъ тхьэмыщкӀэхэр зэрихъуэкӀынурэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ езым и пкъым хуэдэ ищӀынущ.
ЦӀыху псори Ӏэдэм къызэрытехъукӀахэм щхьэкӀэ, зэрылӀэжынум хуэдэу, Мэссихь зи псэм щыщ цӀыху псори Тхьэм къигъэпсэужынущ.
«ЩӀэрыщӀэу фыкъалъхужын хуейщ» жысӀэу зэрыбжесӀар умыгъэщӀагъуэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъу. Абы илэжь псори езым и Къуэм кърегъэлъагъу, мы Ӏуэхухэм нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэхэри къригъэлъагъунущ и Къуэм, флъэгъумэ фымыгъэщӀэгъуэн флъэмыкӀыну.
– Уэ, цӀыхубз, – жиӀащ Хьисэ, – уи фӀэщ гъэхъу, мы Ӏуащхьэми Ерусалими Адэ лъапӀэм фыщыщемылъэӀун махуэ къэсынущ.
Ар щилъагъум, Петр цӀыхухэм яжриӀащ: – Израил цӀыхухэ, сыт ар щӀэвгъэщӀагъуэр? Сыт апхуэдизу дэ фыкъыщӀыдэплъыр? Дэр-дэру къаруушхуэ диӀэу, е Тхьэр ину зэрыдгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, мы лӀым и лъэр къыщӀэдгъэувэжауэ фи гугъэ?
Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Адэ лъапӀэм щыпкъэу елъэӀухэр гурэ псэкӀи щыпкъагъэкӀи щелъэӀун махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. Апхуэдэу елъэӀухэращ Адэ лъапӀэм и щӀасэр.
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.
Щыпкъагъэ зиӀи зимыӀи Тхьэм къызэригъэтэджыжынум мыбдеж щыт лӀыхэр Тхьэм зэрыщыгугъым хуэдэу, сэри Тхьэм сыщогугъ.