27 Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу сызэрыщытым щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну Адэ лъапӀэм тепщэныгъэ къызитащ.
Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэнуи, псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм къигъэувар зэры-Хьисэ щыхьэт дытехъуэну Тхьэм унафэ къытхуищӀащ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.
Адэ лъапӀэм зыми хьэкум трищӀыхьыркъым, хьэкум Ӏуэху псори абы и Къуэм иритащ,
Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь тепщэныгъэр иӀэн хуейщ, Тхьэм Мэссихь и бийхэр Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэху.
И ӀуэхущӀагъэхэм гуащӀэу хэлъыр и цӀыхухэм къаригъэлъэгъуащ Абы, хамэ лъэпкъхэм я щӀыгур къаритурэ.
Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жери, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.
– Зымылъагъухэм ялъагъу хъуну, зылъагъу зи гугъхэм ямылъагъу хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну сэ мы дунейм сыкъытехьащ, – жиӀащ Хьисэ.
Ауэ мы зэманым, мы дунейм и иужьрей дыдэ махуэхэм, Тхьэр и Къуэм и жьэкӀэ дэ къыдэпсэлъащ. Тхьэм Ӏуэху псори и Къуэм и ӀыхьэфӀ хъуну игъэуващ, абыи дунейр къригъэгъэщӀащ.