23 цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.
Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.
– Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.
Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ.
– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
Езым къыхиха и Къуэ щӀасэр дунейм къыщытригъэхьэм, Тхьэм жиӀащ: «Тхьэм и мелыӀыч псоми ар ирегъэлъапӀэ».
МыкӀуэдыжын фӀылъагъуныгъэ зиӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. Ӏэмин.
Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.
АрщхьэкӀэ фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэркъым икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр пэжыгъэкӀэ фигу щилъкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу фрокӀуэ. Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъыр Мэссихь и цӀыхухэм ящыщкъым.
Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур.
Ауэ иджы Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, Тхьэм и пщылӀи фыхъуащ. Абы фӀыуэ къыхэкӀыр гукъабзагъэм и гъуэгум фызэрырикӀуэр арщ, къыфлъысыну ӀыхьэфӀри мыкӀуэдыжын гъащӀэр арщ.
Абы си щӀыхьыр иӀэтынущ, фигъэщӀэну Ӏуэхухэр сэ къызбгъэдэкӀхэращи.
Фэ фи пкъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым зэриунэ лъапӀэр, фипкъхэри фыфейуэ зэрыщымытыр фщӀэркъэ?
Лъэпкъхэр зыщыгугъыу зыпэплъэр Аращ».
Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.
Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм ахэр къуаншэу имылъытауэ, Мэссихь къыпкъырыкӀыу дунейм и цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ Тхьэм, цӀыхухэр езым зэрызригъэкӀужам и хъыбарыр абыхэм едгъэщӀэну ди пщэм къыдилъхьащ.
Пэжу, укӀкӀэ хьэкум дигукӀэ зытетщӀыхьыжат. Ар щӀэхъуар ди щхьэм дыщымыгугъыжу, лӀахэр къэзыгъэтэджыж Тхьэм дыщыгугъын щхьэкӀэщ.
Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
– Фымыгузавэ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.
– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым.
Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.
Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.
Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Иессе къытехъукӀыну бын лъапӀэр къэкӀуэнурэ, хамэ лъэпкъхэм Ӏэтащхьэ яхуэхъунущ. Хамэ лъэпкъхэр абы щыгугъыурэ пэплъэнущ».
Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
Сэ си ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэр псори ууейщ, уэ уи цӀыху псори сысейщ. Абыхэми си щӀыхьышхуэр къагъэнахуэ.
Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,
Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.
«Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ щхьэкӀэ, мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.