22 Адэ лъапӀэм зыми хьэкум трищӀыхьыркъым, хьэкум Ӏуэху псори абы и Къуэм иритащ,
Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу сызэрыщытым щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну Адэ лъапӀэм тепщэныгъэ къызитащ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псоми Мэссихь хьэкум къыттрищӀыхьын щхьэкӀэ абы и тахътэм и пащхьэ диувэн хуейщ, мы дунейм хэти щилэжьам хуэфащэр, фӀыми Ӏейми, игъуэтыжын папщӀэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.
Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэнуи, псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм къигъэувар зэры-Хьисэ щыхьэт дытехъуэну Тхьэм унафэ къытхуищӀащ.
– Зымылъагъухэм ялъагъу хъуну, зылъагъу зи гугъхэм ямылъагъу хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну сэ мы дунейм сыкъытехьащ, – жиӀащ Хьисэ.
Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:
А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну уи Къуэм и ӀэмыщӀэ ахэр иплъхьащ, уэ абы и ӀэмыщӀэ иплъхьа цӀыху псоми мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритын щхьэкӀэ.
Ауэ псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм жэуап иратын хуейщ абыхэм куэд дэмыкӀу.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.
Зиусхьэну ди Тхьэм и щӀыхьыр фӀэт, Абы щхьэщэ щыхуэфщӀ и бгы лъапӀэм – лъапӀэщ Зиусхьэну ди Тхьэр!
Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ.
– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.