Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 5:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 5:21
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ;


Тхьэм лӀахэр къызэригъэтэджыжынур къэмыхъун Ӏуэхуу щӀэфлъытэр сыт?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну уи Къуэм и ӀэмыщӀэ ахэр иплъхьащ, уэ абы и ӀэмыщӀэ иплъхьа цӀыху псоми мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритын щхьэкӀэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къезытыр. Си пкъыр фэзгъэшхын щхьэкӀэкъым ар щӀыжысӀэр. Ар сэбэп хъужынукъым. НывжесӀа псалъэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ ящӀ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ