Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 5:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Апхуэдэ Ӏуэхухэр щэбэт махуэм зэрищӀэм щхьэкӀэ, журтхэм Хьисэ кърахуэкӀыу щӀадзащ, яукӀынуи и ужь къихьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 5:16
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ вжесӀа псалъэхэр фигу къэвгъэкӀыж: ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым. Сэ гугъуехь сагъэшэчащ, фэри гугъуехь фагъэшэчынущ. Сэ си псалъэхэм едэӀуау щытамэ, фэ фи псалъэхэми едэӀуэнущ.


Ар щажриӀэм, Хьисэ аргуэру яубыдыну хуеящ, ауэ яӀэщӀэкӀащ.


Ерусалим щыщ цӀыхухэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ абы щыгъуэ: – Мыракъэ яукӀыну зи ужь итыр?


ЛӀым зыгъэхъужар хэтми ищӀэртэкъым; абдежым щызэхэт цӀыху гупышхуэм яхэзэрыхьыжат Хьисэ.


Ауэ ахэр хуабжьу губжьауэ, Хьисэ мыхъумыщӀагъэу иращӀэнумкӀэ зэчэнджэщащ.


Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, абыхэмрэ пащтыхь Ирод и лъэужь ирикӀуэхэмрэ Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀри, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ асыхьэтым зэчэнджэщащ фарисейхэр абы щыгъуэм.


Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Уи Ӏэр къэший! ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.


Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,


Арати, журтхэм а лӀы хъужам жраӀащ: – Нобэ щэбэт махуэщи, уи алэрыбгъур къэпщтэж хъунукъым хабзэкӀэ.


А лӀыр ежьэжщ, журтхэм я деж кӀуэри, зыгъэхъужар зэры-Хьисэр яжриӀащ.


– Си Адэм иджыри къэс зэпымычу Ӏуэху елэжь, сэри Ӏуэху солэжь, – яжриӀэрт Хьисэ абыхэм.


Арати, Хьисэ яукӀыну нэхъри нэхъ ерыщу абы и ужь ихьащ журтхэр. И ужь щӀихьар я хабзэкӀэ мыхъунур щэбэт махуэм зэрищӀам и мызакъуэу, Тхьэм зыхуигъадэурэ, «Тхьэр си Адэщ» зэрыжиӀэм щхьэкӀэт.


– Зы Ӏуэху телъыджэ закъуэ щэбэт махуэм зэрысщӀар фэ псоми фогъэщӀагъуэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ