14 А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.
– Зыми, Зиусхьэн, – жиӀащ цӀыхубзым. – Сэри узгъэкъуаншэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – КӀуэж, нобэ щыщӀэдзауэ гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ.
Си нэхэр къэгъаплъэ уи хабзэм и щӀагъуэхэр зэзгъэлъагъуну.
Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.
Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Си щӀалэ, уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
ЩӀыхьыр зейр Зиусхьэнырщ, сыту жыпӀэмэ си лъэӀу макъ Абы зэхихащ.
Илъэс щэщӀрэ икӀэ сымаджэу щыта лӀы гуэр сымаджэхэм яхэлът.
Сыту жыпӀэмэ лъы зыгъажэр егъэпшынэ. Гу лъетэ, зэхех хэутэн ящӀахэм я гукъеуэ макъ.
Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.
ЛӀым зыгъэхъужар хэтми ищӀэртэкъым; абдежым щызэхэт цӀыху гупышхуэм яхэзэрыхьыжат Хьисэ.